Что такое янэ сып1ыс
«Адыгэ хабзэ» внеклассное мероприятие 4класс
Онлайн-конференция
«Современная профориентация педагогов
и родителей, перспективы рынка труда
и особенности личности подростка»
Свидетельство и скидка на обучение каждому участнику
1. Къафэк 1 э щ 1 едзэ . «Хэт ар къывжезы1ахэр, адыгэр дык1уэдыжыну»
Ди зэ 1 ущ 1 эр ек 1 уэк 1 ыху
Лъэужьыф 1 у уэ къызэбнэк 1 ари
Ар псалъэжьурэ йок 1 уэк 1.
Тыншу гъащ 1 эр епхьэк 1 ынумэ
Псоми уэ задегъэк 1 уэк 1.
Ц 1 ыхуит 1 псалъэм уахэмыхьэ
Уи т 1 ысып 1 эр зэгъэщ 1 эж
Нэхъыжь щыту умыпсалъэ
Уэ уи псалъэм уемыпц 1 ыж
Уи нэхъыжьыр уэ бгъэлъап 1 эмэ
Уи щхьэ лъап 1 э игъуэтынщ
Гур здэмыплъэм нэри плъэркъым
Уи япэ иту мывэ бгъажэмэ
Абы псынщ 1 у у 1 уоуэж
Ущыуауэ пц 1 ы бупсамэ
Жып 1 эу уи щхьэр умы 1 эт
Ныбжьэгъу пэжхэм дек 1 уэк 1 ыф
Жа 1 эу куэдрэ зэхэпхынщ
Уигум жи 1 эм уэ щ 1 эдэ 1 уи
Быным дежк 1 э нэрылъагъущ
Уэ уи жагъуэ хэти ищ 1 ами
Дауи мы дунейр зэрычэзур
Дощ 1 э псоми шэч хэмылъ
Хэтса жылэщ дгъуэтыжынур
Нобэ псори зэхэфхахэр
Хуэтщ1у пщ1э,нэмыс нэхъыжьхэм
Гъащ1э гъуэгур зэдэдвгъэхь.
5.Уэрэд. Хьэхъупащ1э Амырхъан. «Адыгэ нэмыс»
6. Адыгэ тхак1уэшхуэ Шортэн Аскэрбий Мыпхуэдэу итхыгъащ:»Адыгэ ф1эхъусхэм, хабзэхэм уащыхэплъэк1э 1эмал имы1эу мыбы гу лъыботэ:ф1эхъусхэм,хабзэхэм икъу-икъужк1э ц1ыхур ягъэлъап1э, абы и щ1ыхьыр я1эт.Ахэр сыт щыгъуи хабзэм и лъэдийщ,тк1ийщ, дэтхэнэ зыми ищ1эни,игъэзэщ1эни хуейщ..Адыгэхэм ф1эхъусхэр псом ищхьэу къалъытэ.Дэ иджыпсту федгъэдэ1уэнщ зы теплъэгъуэ.
Хьэщ1эр унэм щ1эсу хэгъэрейр къыщ1ыхьэжамэ,хьэщ1эм зыхуегъазэ.
-Ф1эхъус апщий!Абы и жэуапщ.
-Упсэу апщий! Къохъусыж!
Сымаджэщым къыщ1эк1ыжам и 1эр яубыдурэ жра1э.
-Лъапэ махуэ къыухьэжьэж! Уи узыншагъэр быдэ дыдэ ухъуж!
-Тхьэр арэзы къыпхухъу! Дохутыр хущхъуэ ухуеин уэри тхьэм уимыщ1!
-Уи насып тхьэм химыхк1э1Тхьэм къуитыж!
Гъащ1э к1ыхь ухъу! Узыншэ ухъу!
-Иджыри мыпхуэдэ псалъэ гуапэ куэд ди1эщ: «Уи пщэдджыжь ф1ыуэ!»,» Нэхулъэф1 укъик1!», «Уи махуэ ф1ы ухъу»! нэгъуэщ1хэри.
Уадыгэну сыту гугъуехь.
Хабзэ щ1экъунми псори дыздехь.
Хэт къыщ1ыхьами дэ къыда1уэк1.
Нэщхък1э къыджа1э:»Псынщ1эу фытэдж».
Жэщ ныкъуэ хъухук1э интернет сэ соплъ.
Жей сыхуэныкъуэу п1эм сыкъыщ1оплъ.
Жьыуэ гъуэлъыжи, жьыуэ къэтэдж.
Пщэдджыжь къэсыхук1э сэ къыза1уэк1.
«Нэмысыр пщ1эмэ, насып бгъуэтынщ»
Жи1эурэ нанэ къыск1эщ1эсынщ.
Нэхъыжьым жьант1эр,сыт щыгъуи,ейщ.
«Нэхъыжь сыхъуну псынщ1эу сыхуейщ»
Адыгэхэм «ф1ыкъым» жыхуа1эхэм щыщхэр.
9. Адыгэхэм куэд щ1ауэ къадэгъуэгурык1уэ «ф1ыщ»,ф1ыкъым», «угъурлыгъэщ», «угъурсызыгъэщ»жыхуа1эхэри хабзэм, нэмысым щыщщ. «Ф1ыкъым» жа1эр, псалъэм папщ1э:
-Бжэщхьэ1ум утетыну е утесыну.
-Унэм ущ1эту е ущ1эсу уфиину.
-Унэ к1уэц1ым къыщыбжыхьыну.
-Жыхапхъэк1э ц1ыхум уеуэну.
-Гъуэгу техьа ц1ыхум ук1элъыджэну.
-Пшапэ зэхэуэгъуэм пхъэнк1ий ибдзыну.
-Бжэ блыпкъым ук1эрыгъэщ1ауэ ущытыну.
10. Къуажэхьхэр жыжьэ къыщожьэ.Абыхэм къагъэлъагъуэ ц1ыхум и губзыгъагъэр,и акъылым и жанагъыр.Къуажэхьхэр къыпхуэмыщ1эмэ, къуажэ, къалэ ептын хуейт. Ахэр трамыхыжын щхьэк1э тебжэрт:»Ф1ыгъуэу дэлъыр къэзыхь,къэзышх, стезыхыжынур адэкъэшым тесу,щ1опщ к1агуэжь и1ыгъыу къренэ!»-жа1эрт. Нт1э, девгъэплъыт къуажэхьхэр къыфхуэщ1эмэ.
-Адэкъэк1эу къэгъэша,къазшырыдзэу дэбзык1а.(гъубжэ)
-Ди бжыхь лъабжьэ хьэ дзэкъэрей к1эщ1эсщ.(шыпсыранэ)
-Махуэ псом къек1ухьри, пщыхьэщхьэм бжэкъуагъым къуоувэж.(жыхапхъэ)
-Дунейр зыгъэнэху, псыр зыгъэхуабэ.(дыгъэ)
-Щабэрык1уэ мзз к1уэрей.(1эжьэ).
-Пк1эрымык1 лъакъуэ к1ыхь.(ныбжь)
-Мэл к1апэ ещэу, мэз псэущхьэ.(дыгъужь)
Гущэхэпхэ, лъэтеувэ, кхъуейплъыжьк1эрыщ1э, нысашэ,хьид, къурмэн, щауэ ишыж,1эшрэ1.
Дэ иджыпсту абыхэм щыщу лъэтеувэ зэращ1 зы теплъэгъуэ федгъэплъынщ.
Динэ ц1ык1уу псэм щыдгъаф1эр
Хуейуэ хъуар зывмыгъэгувэу
Фыкъыщ1ыхьэ си благъэф1хэр
Мы хьэлыуэм теухуауи
Псалъэ гуапи зэхэдвгъэх.
Дуней дахэм дэщ1эращ1эу
Узыншагъэ быдэр и1эу
Гъащ1эу и1эр гуф1э защ1эу
Дэрэжэгъуэм зэи щымыщ1эу
Зы гугъуехьи зэхимыщ1эу
Сытым щыгъуи яужь иту
Гъащ1э гъуэгум и лъэр быдэу
Теувауэ тхьэм къыщ1игъэк1.
Дыубгъуащи щащыху бгъуф1эр
Мис хьэпшыпхэр тедгуэшащ
Пшынэ, тхылъ, 1уданэ, гуащэ
Ахъшэ е адыгэ фащэ
Динэ ц1ык1ури хэдгъэдэнщ
— Си нэху ц1ык1ур дохутыр хъуну.
Е дэрбзэрыр къыхихыну?
— Егъэджак1уэ хъуамэ арат.
Е пшынауэм дехъул1ат.
— Къыхихатэм фащэ дахэр.
Къэфэнт утыкур игъэдахэу.
— Ахъшэм Динэ те1эбатэм.
Хуэмыныкъуэу зы псэуатэм.
— Тхылъ къищтам си гуапэ хъунт.
Хъыджэбз гуащэр теуващи
Хьэлыуэ 1энэр хуэдубащ
Мыпхуэдиз и инагъщ,
Мыпхуэдиз и лъэгагъщ
Зек1уэ, зек1уэ си псэ нэху
Уи лъэр быдэу теувэху.
Мимэ, мимэ Динэ ц1ык1у
Мимэ щ1ы си дыгъэ ц1ык1у
Щ1ы теуви лъэбэдий
Псэм щыдгъаф1эу ди сабий.
— Фащэ дахэр къыхихащи
Динэ ц1ык1ум зытхуегъаф1э
— Мы гуф1эгъуэм щхьэк1э, маржэ
Лъэр ешыху дыкъыздэвгъафэ.
( Сокъур Оля и уэрэд «Быным и быныж зылъагъум» къыдэфэурэ йок1ыж).
8. Адыгэхэм шхыныгъуэ 1эф1 зэмыл1эужьыгъуэ куэд ящ1хэр. Дэтхэнэ зы 1уэхугъуи блэк1ыркъым адыгэхэм я 1энэр ямыгъэхьэзыру. Ди ерыскъыхэм къэуат щ1элъщ, берычэтщ. Дауи адыгэ 1энэр нэхъ дахэ мэхъу шхыныгъуэ куэд телъмэ. Иджыпсту зэхэфхынщ адыгэ шхыныгъуэхэм ятеухуа 1уэхугъуэхэр.
Фыкъеблагъэ, хьэщ1э лъап1эхэ!
Адыгэ шхын зэ1увгъэхуэнщ.
Мы берычэту къэт1этахэр
Зэращ1 фыхуеймэ фэдгъэщ1энщ.
Мы ди 1энэгум илъ хъугъуэф1ыгъуэу
Телъ ерыскъыу дгъэхьэзырам.
Фыхэ1эбамэ хъунт ди гуапэ
Ди нэхъыжьыф1хэу къытхуэк1уам.
Мэрэмысэ, хугу хьэнтхъупс
Псыхьэлывэ, к1эрт1оф шыпс
Сыт фыхуейми фэдгъэшхынщ.
Я 1эф1агъэм федгъэплъынщ.
П1астэ хуабэм дзажэ пщтырыр
Телъу 1энэм тедгъэуващ.
Лы гъэвам джэдлыбжьэр щ1ыгъуу
Мис фи пащхьэм къидгъэуващ.
Джэдык1э нэкъижыр шхын щ1эщыгъуэщ.
Унагъуэм щ1эсхэм тшхыну тф1эф1щ.
Тхьэмщ1ыгъуныбэр, бжьыныху шыпсыр
Ерыскъым хэмыт нэхъ 1эф1.
Лыгъур гъэжьам адыгэ 1энэр
Берычэт сыт щыгъуи ещ1
1 эшры1ыр, кхъуей дэлэныр
Сф1эф1щи нанэ куэду схуещ1.
Гъэшхэк1 1эф1у 1эджэ щы1эщ
Къыхащ1ык1 кхъуейжьапхъэ 1эф1
Шху хъэнк1эл, жэмыкуэ жып1эми
Ди шхыныгъуэр ящ1 нэхъ 1эф1.
Хэт джэш лыбжьэр зыф1эмыф1ыр?
Мыр адыгэ шхыныгъуэф1щ.
Хэт жэруми зымыщ1ыфыр?
Тхъурыжь 1эф1ым сытым щыгъуи
1 энэр икъук1э егъэдахэ
Мы хьэлыуэ дыубари
Лы ц1ык1у лыбжьэр ди адыгэм
Зыпищ1 лъэпкъ дунейм темыт
Тхьэмщ1ыгъуныбэр, бжьыныху шыпсыр
Ерыскъым нэхъ 1эф1 хэмыт.
Мы чыржыныр зэрысщ1ынур
Лэкъум хуабэр зэрагъажьэр
Зигур къабзэу дэ къытхуэк1уэр
Гурэ псэк1э догъэблагъэ
Ину псоми фэ зэхэфхыу
Хьэщ1э махуэу къеблэгъахэм
Ди махъсымэр зэ1увгъахуэ
Ди лъэпкъ дахэм тхуэф1 тхуэхъуну
Ди нэмысыр, хабзэ дахэр
Дияку дэмык1ыу дрепсэу!
Ф1ы зигу илъыр дгъэныбжьэгъуу
Дигум илъыр зыжет1эфу
Ди нэхъыжьхэр къытщхьэщыту.
Сытым щыгъуи яужь дитхэу
Пэж жызы1эм дедэ1уэфу
Пц1ы зыупсыр дгъэдэ1уэфу
Я нэмысыр т1ыгъыжыфу
Куэдрэ тхьэм дыздигъэпсэу!
-Нэхъыф1 дыдэу хэт дэ тлъагъур?
-Ар, ди мамэщ, ар ди папэщ.
-Мы нобэрей ди зэ1ущ1эри мыпхуэдэу дахэ, ф1ы мыхъунт адэ-анэхэр фыкъыддэмы1эпыкъуамэ. Псоми ину берычэт бесын вжыдо1э. Яужь дыдэу зы усэк1э духыжынщ.
Адэр псоми ф1ыуэ флъагъу
Жи1а псалъэм фыф1эмык1
Анэм псэк1э укъелъагъу
Адэм и нэ къыптемык1
Анэр уи нэм къыщ1эплъам,
И гум илъыр зэхэщ1ык1
Адэр щэхуу къэпсэлъам
1уэхуу пщ1эр егъэт1ылъэк1.
Фи псэр пыту фымыувы1э,
Фи лъэр щ1эту фымыт1ыс,
-Аращи, ныбжьэгъухэ! Фигу ирихьамэ, зывгъэпсэхуамэ ди 1уэхур къыдэхъул1ащи, псоми къек1уэл1ахэм ину вжыдо1э «Берычэт бесын».Ди зэхуэзэ ф1ы ухъу!
13.Къафэк1э еухыж. «Берычэт бесын».
Курс повышения квалификации
Дистанционное обучение как современный формат преподавания
Курс повышения квалификации
Скоростное чтение
Курс повышения квалификации
Актуальные вопросы теории и методики преподавания в начальной школе в соответствии с ФГОС НОО
Ищем педагогов в команду «Инфоурок»
Темэр: « Адыгэ хабзэ, адыгэ нэмыс«.
Мурадыр: Бынунагъуэм щыщхэм зэхущытык1эф1 я1эным и мыхьэнэр; нэхъыщ1эхэр жы1эда1уэу,жы1эщ1эу, нэхъыжьхэм пщ1э хуащ1у, яхуэгущабэу, яхуэгумащ1эу щытыным и лъэныкъуэк1э я зэхэщ1ык1ыр нэхъ куу щ1ын; адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ, бзэм и дахагъэмрэ и къулеягъымрэ ящымыгъупщэу ф1эхъусхэр, псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, жы1эгъуэхэр,макъамэхэр ящ1эу я гупсысэк1эм зегъэужьын.
Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: Интерактивнэ доска, адыгэ шхыныгъуэхэр, адыгэ пшынэ,пшыналъэхэр, адыгэ фащэ,
1. Къафэк1э щ1едзэ. «Хэт ар къывжезы1ахэр, адыгэр дык1уэдыжыну»
Феплъ, феда1уэ, зывгъэпсэху.
Ди зэ1ущ1эр ек1уэк1ыху
Хабзэ дахэр, ди нэмысыр
Адыгагъэр сыт зищ1ысыр?
Псом щыщ 1ыхьи нывжет1энщ.
Адыгэ хабзэ, адыгэ нэмыс
Фхэлъу п1эрэ фэ апхуэдэ?
И1эт, псори фегупсыс.
Яжес1ащ щымы1эу фхуэдэ.
Егъэджак1уэ
1.едж. Хабзэ.
-Хабзэращ, ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьар.
Уэзыращ, ц1ыхум лъэпкъ и напэ зыф1ищар.
Хабзэращ, лъэпкъым и жьэгу пащхьэр зыгъэблар.
Нэхъыжьыф1хэм я 1ущагъ мык1уэщ1ыр зыхъумар.
-Хабзэращ, дадэр гъуазэ дахэу зрик1уар.
А зыращ, щ1алэм дамэ лъэщу къыхихар.
Хабзэращ, щ1алэр ди утыкум къизышар.
Уэрщ,уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щ1ыхишар.
-Хабзэращ, пасэм и фэеплъу къигъэнар.
Хабзэращ, нобэ нэмыс ди1эр къэзыхьар.
Уэзыращ, хабзэ, ди къэк1уэнур зыпытщ1ар.
Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зы1этар.
Егъэджак1уэ
3. Зэрытщ1эщи, гъэсэныгъэр лъэпкъым и культурэм щыщ пкъыгъуэщ. Дауи, ар зы махуэк1и, зы илъэск1и, зыц1ыху ныбжьк1и зэф1эувэркъым. Абы и лъабжьэр куущ.Псалъэм папщ1э, мыхьэнэшхуэ хуащ1ырт нэхъыжьхэр-анэшхуэр,адэшхуэр,адэ-анэр,балигъхэр зэп1эзэрыту, тэмакък1ыхьу щытыным. Адыгэхэм я псалъафэщ: ц1ыхум и адэ-анэм, нэхъыжьхэм пщ1э хуищ1у къэмытэджамэ,апхуэдэм нэгъуэщ1хэм дэнэ къыщына и щхьэ пщ1э хуищ1ыжынукъым.
Адыгэр 1эдэбу нэмысыф1эу псэлъэн хуейщ.Ар лъэ1уэн хуей щыхъук1э хабзэм тету хьэтыр псалъэк1э къыщ1едзэ.Лъа1уэм и дежк1э абы гугъу хэлъкъым, зэлъэ1ум и деж ар и гуапэ мэхъу. «Зи бзэ 1эф1 щынэр мэлит1 щ1оф»,-жи псалъэжьым. Хьэтыр псалъэм мывэри егъэщабэ.Абы теухуащ иджыпсту фэдгъэлъэгъуну теплъэгъуэр.
Хьэтыр псалъэ.
Бынунагъуэ гуэр шхэуэ зэхэсти, нэхъыщ1эр къэпсалъэри жи1ащ:
Нанэ зыри жи1акъым,псыи къритакъым.
-Нанэ, псы къызэт зо!
Нанэ ц1ут1и жи1эркъым, псыи къритыркъым. Ит1анэ щ1алэ нэхъыжьыр къопсалъэ.
-Нанэ, кхъы1э зы псы фалъэ къызэт.
Нанэ кърет абы псы фалъэ.
-1эдэбу псалъэм и хьэтыри ялъагъу.
Щ1алэ нэхъыщ1эм къыгуро1уэж хьэтыр псалъэ зэрыжи1эн зырыхуеяр.
-Кхъы1э, нанэ, сэри зы псы фалъэ къызэт!
Нанэ абыи зы псы фалъэ къыхуеший.
-Дяпэк1и нэмысыф1эу псалъэ!
-Кхъы1э, жыс1эм фыкъеда1уэ,
Кхъы1э, псалъэр т1у фымыщ1.
Кхъы1э, жа1эрэ къывэлъэ1ум.
Хуэфщ1эфынур зым щымыщ.
-Аращ, кхъы1э псалъэм кърик1уар.
Егъэджак1уэ
Псалъэжьхэр
Усэ – псалъэжьхэр.
«Гъащ1э! Сыту уэ умащ1э!»-
Жып1эу, къэбгъэщ1ам ухуоплъэк1ыж
Лъэужьыф1у уэ къызэбнэк1ари
Пщ1ыхьым хуэдэу нэгуми щ1ок1ыж.
Уи нэмысырщ, уи насыпыр
Ар псалъэжьурэ йок1уэк1.
Тыншу гъащ1эр епхьэк1ынумэ
Псоми уэ задегъэк1уэк1.
Ц1ыхуит1 псалъэм уахэмыхьэ
Уи т1ысып1эр зэгъэщ1эж
Нэхъыжь щыту умыпсалъэ
Уэ уи псалъэм уемыпц1ыж
Уи нэхъыжьыр уэ бгъэлъап1эмэ
Уи щхьэ лъап1э игъуэтынщ
Гур здэмыплъэм нэри плъэркъым
Жа1эу куэдрэ зэхэпхынщ.
Уи япэ иту мывэ бгъажэмэ
Абы псынщ1у у1уоуэж
Ущыуауэ пц1ы бупсамэ
«Сэ псом нэхърэ сынэхъыф1щ!»-
Жып1эу уи щхьэр умы1эт
Ныбжьэгъу пэжхэм дек1уэк1ыф
Я нэмысыр дэ1ыгъыф.
«Жьым уэ щытхъуи, щ1эр къыхэх!»-
Жа1эу куэдрэ зэхэпхынщ
Уигум жи1эм уэ щ1эдэ1уи
Лей зы ц1ыхум къуимыхын.
Быным дежк1э нэрылъагъущ
Уэ уи жагъуэ хэти ищ1ами
Къомыгъанэу ф1ыуэ лъагъу.
Дауи мы дунейр зэрычэзур
Дощ1э псоми шэч хэмылъ
Хэтса жылэщ дгъуэтыжынур
Тщымыгъупщэу дигу ивгъэлъ.
Егъэджак1уэ
Нобэ псори зэхэфхахэр
Жьыми, псыми евмыгъэхь!
Хуэтщ1у пщ1э,нэмыс нэхъыжьхэм
Гъащ1э гъуэгур зэдэдвгъэхь.
5.Уэрэд. Хьэхъупащ1э Амырхъан. «Адыгэ нэмыс»
Егъэджак1уэ
Адыгэ ф1эхъусхэр.
6. Адыгэ тхак1уэшхуэ Шортэн Аскэрбий Мыпхуэдэу итхыгъащ:»Адыгэ ф1эхъусхэм, хабзэхэм уащыхэплъэк1э 1эмал имы1эу мыбы гу лъыботэ:ф1эхъусхэм,хабзэхэм икъу-икъужк1э ц1ыхур ягъэлъап1э, абы и щ1ыхьыр я1эт.Ахэр сыт щыгъуи хабзэм и лъэдийщ,тк1ийщ, дэтхэнэ зыми ищ1эни,игъэзэщ1эни хуейщ..Адыгэхэм ф1эхъусхэр псом ищхьэу къалъытэ.Дэ иджыпсту федгъэдэ1уэнщ зы теплъэгъуэ.
Хьэщ1эр унэм щ1эсу хэгъэрейр къыщ1ыхьэжамэ,хьэщ1эм зыхуегъазэ.
-Ф1эхъус апщий!Абы и жэуапщ.
-Упсэу апщий! Къохъусыж!
Сымаджэщым къыщ1эк1ыжам и 1эр яубыдурэ жра1э.
-Лъапэ махуэ къыухьэжьэж! Уи узыншагъэр быдэ дыдэ ухъуж!
-Тхьэр арэзы къыпхухъу! Дохутыр хущхъуэ ухуеин уэри тхьэм уимыщ1!
-Уи насып тхьэм химыхк1э1Тхьэм къуитыж!
Гъащ1э к1ыхь ухъу! Узыншэ ухъу!
-Иджыри мыпхуэдэ псалъэ гуапэ куэд ди1эщ: «Уи пщэдджыжь ф1ыуэ!»,» Нэхулъэф1 укъик1!», «Уи махуэ ф1ы ухъу»! нэгъуэщ1хэри.
7.Гушы1э уэрэд.
Уадыгэну сыту гугъуехь.
Хабзэ щ1экъунми псори дыздехь.
Хэт къыщ1ыхьами дэ къыда1уэк1.
Нэщхък1э къыджа1э:»Псынщ1эу фытэдж».
Жэщ ныкъуэ хъухук1э интернет сэ соплъ.
Жей сыхуэныкъуэу п1эм сыкъыщ1оплъ.
Жьыуэ гъуэлъыжи, жьыуэ къэтэдж.
Пщэдджыжь къэсыхук1э сэ къыза1уэк1.
«Нэмысыр пщ1эмэ, насып бгъуэтынщ»
Жи1эурэ нанэ къыск1эщ1эсынщ.
Нэхъыжьым жьант1эр,сыт щыгъуи,ейщ.
«Нэхъыжь сыхъуну псынщ1эу сыхуейщ»
Адыгэхэм «ф1ыкъым» жыхуа1эхэм щыщхэр.
9. Адыгэхэм куэд щ1ауэ къадэгъуэгурык1уэ «ф1ыщ»,ф1ыкъым», «угъурлыгъэщ», «угъурсызыгъэщ»жыхуа1эхэри хабзэм, нэмысым щыщщ. «Ф1ыкъым» жа1эр, псалъэм папщ1э:
-Бжэщхьэ1ум утетыну е утесыну.
-Унэм ущ1эту е ущ1эсу уфиину.
-Унэ к1уэц1ым къыщыбжыхьыну.
-Жыхапхъэк1э ц1ыхум уеуэну.
-Гъуэгу техьа ц1ыхум ук1элъыджэну.
-Пшапэ зэхэуэгъуэм пхъэнк1ий ибдзыну.
-Бжэ блыпкъым ук1эрыгъэщ1ауэ ущытыну.
Егъэджак1уэ
Къуажэхьхэр.
10. Къуажэхьхэр жыжьэ къыщожьэ.Абыхэм къагъэлъагъуэ ц1ыхум и губзыгъагъэр,и акъылым и жанагъыр.Къуажэхьхэр къыпхуэмыщ1эмэ, къуажэ, къалэ ептын хуейт. Ахэр трамыхыжын щхьэк1э тебжэрт:»Ф1ыгъуэу дэлъыр къэзыхь,къэзышх, стезыхыжынур адэкъэшым тесу,щ1опщ к1агуэжь и1ыгъыу къренэ!»-жа1эрт. Нт1э, девгъэплъыт къуажэхьхэр къыфхуэщ1эмэ.
-Адэкъэк1эу къэгъэша,къазшырыдзэу дэбзык1а.(гъубжэ)
-Ди бжыхь лъабжьэ хьэ дзэкъэрей к1эщ1эсщ.(шыпсыранэ)
-Махуэ псом къек1ухьри, пщыхьэщхьэм бжэкъуагъым къуоувэж.(жыхапхъэ)
-Дунейр зыгъэнэху, псыр зыгъэхуабэ.(дыгъэ)
-Щабэрык1уэ мзз к1уэрей.(1эжьэ).
-Пк1эрымык1 лъакъуэ к1ыхь.(ныбжь)
-Мэл к1апэ ещэу, мэз псэущхьэ.(дыгъужь)
Егъэджак1уэ
Гущэхэпхэ, лъэтеувэ, кхъуейплъыжьк1эрыщ1э, нысашэ,хьид, къурмэн, щауэ ишыж,1эшрэ1.
Дэ иджыпсту абыхэм щыщу лъэтеувэ зэращ1 зы теплъэгъуэ федгъэплъынщ.
Лъэтеувэ
Динэ ц1ык1уу псэм щыдгъаф1эр
Хуейуэ хъуар зывмыгъэгувэу
Фыкъыщ1ыхьэ си благъэф1хэр
Мы хьэлыуэм теухуауи
Псалъэ гуапи зэхэдвгъэх.
Дуней дахэм дэщ1эращ1эу
Узыншагъэ быдэр и1эу
Гъащ1эу и1эр гуф1э защ1эу
Дэрэжэгъуэм зэи щымыщ1эу
Зы гугъуехьи зэхимыщ1эу
Сытым щыгъуи яужь иту
Гъащ1э гъуэгум и лъэр быдэу
Теувауэ тхьэм къыщ1игъэк1.
Дыубгъуащи щащыху бгъуф1эр
Мис хьэпшыпхэр тедгуэшащ
Пшынэ, тхылъ, 1уданэ, гуащэ
Ахъшэ е адыгэ фащэ
Динэ ц1ык1ури хэдгъэдэнщ
-Си нэху ц1ык1ур дохутыр хъуну.
Е дэрбзэрыр къыхихыну?
-Егъэджак1уэ хъуамэ арат.
Е пшынауэм дехъул1ат.
-Къыхихатэм фащэ дахэр.
Къэфэнт утыкур игъэдахэу.
-Ахъшэм Динэ те1эбатэм.
Хуэмыныкъуэу зы псэуатэм.
-Тхылъ къищтам си гуапэ хъунт.
Хъыджэбз гуащэр теуващи
Хьэлыуэ 1энэр хуэдубащ
Мыпхуэдиз и инагъщ,
Мыпхуэдиз и лъэгагъщ
Зек1уэ, зек1уэ си псэ нэху
Уи лъэр быдэу теувэху.
Мимэ, мимэ Динэ ц1ык1у
Мимэ щ1ы си дыгъэ ц1ык1у
Щ1ы теуви лъэбэдий
Псэм щыдгъаф1эу ди сабий.
-Фащэ дахэр къыхихащи
Динэ ц1ык1ум зытхуегъаф1э
-Мы гуф1эгъуэм щхьэк1э, маржэ
Лъэр ешыху дыкъыздэвгъафэ.
(Сокъур Оля и уэрэд «Быным и быныж зылъагъум» къыдэфэурэ йок1ыж).
Егъэджак1уэ
Адыгэ шхыныгъуэхэр.
8. Адыгэхэм шхыныгъуэ 1эф1 зэмыл1эужьыгъуэ куэд ящ1хэр. Дэтхэнэ зы 1уэхугъуи блэк1ыркъым адыгэхэм я 1энэр ямыгъэхьэзыру. Ди ерыскъыхэм къэуат щ1элъщ, берычэтщ. Дауи адыгэ 1энэр нэхъ дахэ мэхъу шхыныгъуэ куэд телъмэ. Иджыпсту зэхэфхынщ адыгэ шхыныгъуэхэм ятеухуа 1уэхугъуэхэр.
Адыгэ шхынхэр
Фыкъеблагъэ, хьэщ1э лъап1эхэ!
Адыгэ шхын зэ1увгъэхуэнщ.
Мы берычэту къэт1этахэр
Зэращ1 фыхуеймэ фэдгъэщ1энщ.
Мы ди 1энэгум илъ хъугъуэф1ыгъуэу
Телъ ерыскъыу дгъэхьэзырам.
Фыхэ1эбамэ хъунт ди гуапэ
Ди нэхъыжьыф1хэу къытхуэк1уам.
Мэрэмысэ, хугу хьэнтхъупс
Псыхьэлывэ, к1эрт1оф шыпс
Сыт фыхуейми фэдгъэшхынщ.
Я 1эф1агъэм федгъэплъынщ.
П1астэ хуабэм дзажэ пщтырыр
Телъу 1энэм тедгъэуващ.
Лы гъэвам джэдлыбжьэр щ1ыгъуу
Мис фи пащхьэм къидгъэуващ.
Джэдык1э нэкъижыр шхын щ1эщыгъуэщ.
Унагъуэм щ1эсхэм тшхыну тф1эф1щ.
Тхьэмщ1ыгъуныбэр, бжьыныху шыпсыр
Ерыскъым хэмыт нэхъ 1эф1.
Лыгъур гъэжьам адыгэ 1энэр
Берычэт сыт щыгъуи ещ1
1эшры1ыр, кхъуей дэлэныр
Сф1эф1щи нанэ куэду схуещ1.
Гъэшхэк1 1эф1у 1эджэ щы1эщ
Къыхащ1ык1 кхъуейжьапхъэ 1эф1
Шху хъэнк1эл, жэмыкуэ жып1эми
Ди шхыныгъуэр ящ1 нэхъ 1эф1.
Хэт джэш лыбжьэр зыф1эмыф1ыр?
Мыр адыгэ шхыныгъуэф1щ.
Хэт жэруми зымыщ1ыфыр?
Тхъурыжь 1эф1ым сытым щыгъуи
1энэр икъук1э егъэдахэ
Мы хьэлыуэ дыубари
Лы ц1ык1у лыбжьэр ди адыгэм
Зыпищ1 лъэпкъ дунейм темыт
Тхьэмщ1ыгъуныбэр, бжьыныху шыпсыр
Ерыскъым нэхъ 1эф1 хэмыт.
Мы чыржыныр зэрысщ1ынур
Лэкъум хуабэр зэрагъажьэр
Зигур къабзэу дэ къытхуэк1уэр
Гурэ псэк1э догъэблагъэ
Ину псоми фэ зэхэфхыу
Хьэщ1э махуэу къеблэгъахэм
Ди махъсымэр зэ1увгъахуэ
Ди лъэпкъ дахэм тхуэф1 тхуэхъуну
Хъуэхъу
Ди нэмысыр, хабзэ дахэр
Дияку дэмык1ыу дрепсэу!
Ф1ы зигу илъыр дгъэныбжьэгъуу
Дигум илъыр зыжет1эфу
Ди нэхъыжьхэр къытщхьэщыту.
Сытым щыгъуи яужь дитхэу
Пэж жызы1эм дедэ1уэфу
Пц1ы зыупсыр дгъэдэ1уэфу
Я нэмысыр т1ыгъыжыфу
Куэдрэ тхьэм дыздигъэпсэу!
Егъэджак1уэ
-Нэхъыф1 дыдэу хэт дэ тлъагъур?
-Ар, ди мамэщ, ар ди папэщ.
-Мы нобэрей ди зэ1ущ1эри мыпхуэдэу дахэ, ф1ы мыхъунт адэ-анэхэр фыкъыддэмы1эпыкъуамэ. Псоми ину берычэт бесын вжыдо1э. Яужь дыдэу зы усэк1э духыжынщ.
Адэ-анэ.
Адэр псоми ф1ыуэ флъагъу
Жи1а псалъэм фыф1эмык1
Анэм псэк1э укъелъагъу
Адэм и нэ къыптемык1
Анэр уи нэм къыщ1эплъам,
И гум илъыр зэхэщ1ык1
Адэр щэхуу къэпсэлъам
1уэхуу пщ1эр егъэт1ылъэк1.
Фи псэр пыту фымыувы1э,
Фи лъэр щ1эту фымыт1ыс,
-Аращи, ныбжьэгъухэ! Фигу ирихьамэ, зывгъэпсэхуамэ ди 1уэхур къыдэхъул1ащи, псоми къек1уэл1ахэм ину вжыдо1э «Берычэт бесын».Ди зэхуэзэ ф1ы ухъу!
13.Къафэк1э еухыж. «Берычэт бесын».
Материал к прощании с азбукой( кабардинской)
Онлайн-конференция
«Современная профориентация педагогов
и родителей, перспективы рынка труда
и особенности личности подростка»
Свидетельство и скидка на обучение каждому участнику
1 Адыгэбзэ. Аф1эунэ Лиуан
Ди адыгэбзэ, ди хабзэ дахэ. Макъ.,пс. Жылау Арсен
Ди уэрэд ц1ык1ур къыхэддзэнщ
Дэ ттеухуауэ нывжет1энщ
Дэ дыадыгэу ди бзэр дымыщ1эу
Анэдэлъхубзэу бзэм ялей
Ди гущэ къуапэм и уэрэд
Укъыддалъхуащи ди псэм ухуэдэщ
Ди хабзэ дахэр тхъумэжынщ
Лъэпкъым хуэфащэу дыкъэхъунщ
Ди адыгэбзэ ди хабзэ дахэ
Уэ ди лъэпкъ напэ уей
Дэ дыадыгэу хабзэр дымыщ1эм –
Ар емык1у 1ейкъэ уей.
Нанэ и псэ, дадэ и бзэ Нало Заур
Сэ си нанэр папэ янэщ,
Сэ си дадэр папэ ядэщ,
Адыгэпсэ- нанэ и псэ.
Адыгэбзэ-дадэ и бзэ,
Фщ1эрэ фэ а бзэм и л1ыгъэр?
Ар йопсалъэ дыгъэм.
Сыту ф1ыщэт уэ ди дыгъэр
Хьэрфгъэудж Аброкъуэ Беллэ
Ш-м и пшынэм къреш къафэ.
Макъгъэджэгуу Гу-р мэущ,
Уэгуи Щ1ыгуи къыдоуш…
Ц цым цымыр Г-м къыдофэ
Уфэразэу Ф-ри къофэ
Хит1э хисэу Т-шхуэр къос,
Х-м и джатэхэр кърихыу
Т1-хужь т1ат1эм хузэблихыу,
И бостейр щ1ехурыхук1,
Пагэу П-ри кърок1ук1.
Аскер, Самир, Алихъан
Аьмэд, Изэбеллэ Тэмилэ
Илъхам, Каролинэ Идар Къэнтемырри
Ибрагими Инали фыт1ыс
Джэбрэ1или Ислъами Лаурити фыкъэс
Фатимэ фыкъеджэ Наили Имири
Дисани къэса? Хьэжмурат щэ?
Эллинэ Лалинэ фэри фыт1ыс
Аделинэ Илонэ Сабинэ жыс1а?
Ц1ык1ухэ, фэ сыт фи мураду
— Ди хьэрфхэр нэхъыф1у тц1ыхуну дыхуейщ.
-Деджэфу. дытхэфу десэну дыхуейщ!
— Ди закъуэу таурыхъ дыкъеджэну дыхуейщ.
— « Тху» защ1эу деджэну дэ псори дыхуейщ!
— бзэрабзэу зишэщ1у ар зэй зэпымыш.
— Хьэрф гугъухэр и куэдщи уесэху урегъэш
— А макъхэр здэпшэнумк1э зэй замыгъэш
Ц1ык1ухэ сэ фхузощ1 пщ1э лей,
Фэ щ1эныгъэщ фызыхуейр!
Хьэрфхэр псори зэзгъэц1ыхуцт
Къыстек1уэн сф1эмыщ1т зы ц1ыху.
А-ри Б-ри зэзгъэщ1ащ,
Д-р сымыщ1эм хэзгъэщ1ащ.
Мис абдеж къыщызухащ,
Зэрызмыщ1эр зы къэсщ1ащ.
Гъ-р зэратхыр къысхуэмыщ1эу,
Сэ щ1эздзауэ согъри –согъ.
Мами сэ къызоплъ, къыздогъ.
— Щ1эныгъэншэр Гъ-м егъагъ,
Къызэкъуехри и бэлагъ.
Ф1ыуэ еджэм ар догъагъэ,
И1эщ ГЪ-м псынщ1эрыпсалъэ,
11 Едж.1уэры1уатэр къыдопсалъэ:
«Дыгъэгъазэм зыщигъазэм дыгъэр щыгъуазэт.
Зыхуигъэзэри нэбзийк1э зыщ1игъэкъэбзат»
Щхьэж и1эжщ 1энат1э,
Щхьэхуэщ е зэкъуэтщ
Зыр зым дэ1эпыкъуу
Хьэрфхэм макъ ягъэ1у.
Дымыгъэгъуэщэну ахэр къыдолъэ1у
Яухуа я лъахэр АДЫГЭ ДУНЕЙЩ.
АДЫГЭБЗЭМ И ПШЫНАЛЪЭ
Уэрэдыф1ым и пшыналъэр
Пшынэ 1эпэм щ1элъщ.
Адыгэбзэм и псэ налъэр
Псалъэу хъуам яхэлъщ.
Псынэпс уэру шк1урэ-к1урэр
Макъ дэк1уашэу йос.
Макъзешипщ1ым хаш уэрэдыр
А-р макъхэш солистщ.
У-ри А-м и бжьэмияпщэу
Зи ц1э 1уа артистщ.
О-рэ Е-рэ ежьу к1апсэр
Уэгуращи ГУ-м и лъапсэр
Уий, 1эгу-джэгу зешэщ1!
Ш-уэ пшынэм зызэгуешыр
П-м пщэ псыгъуэр хеш
Мыщэ бзэншэм ещхьщ.
Хит1э хисэу Х къэфак1уэм
И 1и и лъи Ж-бжэн лъакъуэм
Бгы къуэладжэхэм къыщыджэу
Дж-р мэхъу джэрпэджэж
Къу-р къурш лъагэхэм къапэджэу
Адыгэбзэм и псэ налъэр
А макъ ц1ык1ухэм я пшыналъэр
( Тхьэк1умэк1ыхьым и вакъэр едыжри бжэщхьэ1ум тесщ)
Бажэ : (къыбгъэдохьэри) Сыт ухуэдэ, си шыпхъушхуэ?
Тхьэк1у: Дыф1щ, тхьэр ф1ык1э къыпщ1эупщ1э. Къеблагъэ, Бажэ ц1ык1у,хьэщ1э утщ1ынщ.
Тхьэк1у: Сытым укъытхуихьа?
Бажэ: Аслъэ ным и унафэр зэхэпхакъэ? Уи унэр сэ къызитащ.
Тхьэк1у: 1эу, сэ дэнэ сык1уэн ит1анэ?!
Тхьэк1у: Ар дауэ хъун, си дэлъхужь, сыт телъыджэ лажьэ къызжеп1эр? ( и щхьэ хуэтхьэусыхэжу):
Си тхыр къыдихуауэ псэк1э унэ сщ1ар
Бажэм иратыну хэт си суд зыщ1ар?
Аслъэныщхуэм сытк1э уэ и нэф1 пщыхуа?
Уэ бзэгу зехьэ бзаджэм сытк1э ар пхьэхуа?
Бажэм: Уи 1уэху хэлъкъым.
Тхьэк1у: Уэуэур си махуэщ
Уэуэур си к1уэдщ..
Си гъащйэр псэк1уэдщ…
Бажэр унэм щ1охьэрибжэ щхьэгъубжэр кърегъэбыдэк1, дзапэ уэрэд къыхедзэ:
Дыгъэм сэ срикъуэщ
Си фэр дыщэ плъыжьщ
Мэзым и пащтыхьым сри1упэф1эгъущ
Аслъэнышхуэ дотэм сричэнджэщэгъущ
Уэй ра рирэ уэй ри ра
Тхьэк1у: Сыумыгъэунэхъу си дэлъхужь губгъуэм сыкъыу.мынэ
Бажэр: (унэм къыщ1опсэлъык1ри) Умыгъынанэ жыс1акъэ! Узэгуэудами сыныщ1эк1ыжынукъым. Куэдщ уэ мыбы узэрыщ1эсар, иджы сысейщ.
Тхьэк1у: Ул1эжынукъэ уэ?
Бажэм: Уи жьэр зэтеп1э! сыныщ1эк1мэ ф1ы щ1эпхынкъым!
(Тхьэк1умэк1ыхьыр пщ1ант1эм къыдонэ, Мыщэ кърохьэл1э)
Тхьэк1у: Сытк1э сымыгъынрэ, Мыщэжь? Бажэр къак1уэщ, си унэр сф1иубыдри. Щ1ыбым сыкъыдинащ.
Мыщэ м: Хьэдыгъуэдахэр къызжеп1аи!
Тхьэк1у: Мес уэрэд кърешри щ1эсщ
Мыщэ м: Сэ сыхурикъунщ абы! ( Бжэм тоу1э) Ей, напэншэ! Мы тхьэмыщк1эм ф1эк1 узытегушхуэн умыгъуэтауэ ара Уэ?
Бажэр: (унэм къыщ1опсэлъык1) Сыт узыхуейр?
Мыщэ м: Къыщ1эк1 мы унэм!
Мыщэ м: Сыныщ1ыхьэм уи фэр тесхынщ.
Бажэм: Уи фэр тесхынщ жып1а? Догуэ зэ! Мыдэ си мыщафэ вакъит1ыр лъызгъэт1агъэ, зи фэ трахым деплъынщ ит1анэ. ( Зегъэ1эуэлъауэ)
Мыщэ м: (шынауэ къок1уэтыж) Емык1у сыкъыумыщ1 Тхь.ц1.
Щ1ыхьэху сок1уэри сопащ1э. Нэхъ пщыхьэщхьэ хъумэ къытезгъэзэнщ.
Бажэм: Плъагъуркъэ а лъэбыцэжьым и гугъэр!Уэри уэ!
Тхьэк1у: Сыт мыгъуэр си махуэ..(мэгъынанэ, дыгъужьыр кърохьэл1э)
Дыгъу: Сыт, щхьэ угъынанэрэ?
Тхьэк1у: Бажэм си унэр иубыдащ. Щ1ымахуэр къэсащ, губгъуэм сыкъинакъэ иджы Дыгъужь?
Дыгъу: А напэншэм ищ1ам еплъыт!Умыгъ, сэ къыщ1эсхужынщ ар… (Бжэм тоу1э)Ей напэ зимы1э к1э бацэ,дахэк1э къыщ1эк1ыт! Уи Адэм пхуригъэщ1ауэ уи унэ уи гугъэжрэ мыр?
Дыгъу: Къыщ1эк1 жыс1ащ унэм! Гуэныхьщ пщ1ант1эм къыдэбна мы тхьэмыщк1эр. Сыныщ1ыхьэмэ уи фэр тезудынщ!
Бажэ: Зэ умып1ащ1э мыдэ! Си ДЫГЪУЖЬЫФЭ к1агуэр щызгъэт1агъэт! Зи фэр траудыр хэтми уэзмыгъэлъагъумэ, Цыпэплъ и къуэ Бажэк1э зэджэр сэракъым.
Дыгъу: (шынауэ тхьэк1умэк1ыхьым жре1э) Уи 1уэху дахэ ухъу си шыпхъу ц1ык1у,сэ нэхъыщхьэр къызэджащи, соп1ащ1э. Иужьк1э сыкъэк1уэнщ.
Бажэ: Сыныщ1эк1ыху у1умык1ыжащэрэт,хьэбэсабэр къыпхезгъэхынт.
Угъынанэу куэдрэ удэтыну мы пщ1ант1эм? Жылэр щхьэ зыщ1эбгъэстрэ? Зы1уегъэх адэ.
Тхьэк1у: Уэ си выгъуэр йожри дыгъэр унк1ыф1аи.
Си насыпыр бложри, си гур упщ1ы1уаи
Уэуэуэуит1ыр сэ си махуэ хъуай
Мы мэзышхуэ дахэри сыбгынэн хуей хъуай.
(Адакъэм кърохьэл1э,мэкъуауэ къок1ыж и дэмащхьэм шэмэдж телъщ)
Адакъэм: Сыт къэхъуар? Щхьэ угърэ?
Тхьэк1у: Сытк1э сымыгъынрэ,: бажэм си унэр иубыдащ.
Адакъэм: Ар 1уэху –т1э?Абы щхьэк1э угъ хъурэ! Сэ абы сыхуримыкъумэ, Адакъэплъ сыкъилъхуауэ сыдж стеткъым.! Нобэ лъандэм солъыхъуэ а бажэ жыхуэп1эм…(бжэм тоу1э) Хэт мыбы щ1эсыр?
Адакъэм: Еплъыт мыр здэщы1эм! Нобэ лъандэм укъызолъыхъуэри узгъуэткъым.
Бажэм: Сыт сызэрыпщ1ынур?
Адакъэм: Къыщ1эк1 мыдэ, укъыщ1эк1мэ бжес1энкъэ узэрысщ1ынур.
Адакъэм: Къыщ1эк1 жыс1акъэ!
Бажэм: си вакъэр лъызот1агъэ.
Адакъэм: Куэдрэ сызэбгъэжьэну?
Бажэм: Си к1агуэр щыст1агъэмэ!
Адакъэм:Вакъэ, к1агуэ зэрыжи1э абы( бжэм йоныкъуэкъу) Щхьэ ужьажьэ апхуэдизу? Мы шэмэджыр убыдыт, Тхьэк1умэк1ыхь ц1ык1у. Уи цыр сщыну узгъуэтыркъым (бжэр 1уеуд)
Адакъэм: Уэри насып уи1эти укъыс1эрыхьакъым.
Унэр къыпхуэнэжащ, тхьэм ущ1игъэтыншыхь.
Уэ си Адэкъэпщу пщыгъуэ зылъысын
Зи лъэуейр дыщэпск1э тхьэм къызыхуиблэн
Благъэ нобэ сыпщ1ым сэ узгъэпэжынщ.благъуэ упэщ1эхуэм сэ укъезгъэлынщ.
Уэр мыхъуамэ губгъуэм нобэ сыкъинэнт
Бажэ нэжэс жагъуэр си унэм къинэнт.
Фэ бжьэмияпщэхэр фыкъеуэ пшыналъэ.
Адакъэмрэ Тхьэк1умэк1ыхьымрэ къыздоудж.
А.Адэ-анэм хуэпщ1 нэмысырщ
Б. Бэджым сакъыу зеущэху
И хъым бадзэр илъахъэху.
Выр 1эщышхуэщ угъурлыжьщ
Угъурлыжьми мы мамыжь.
Гг. Грекхэм щхбэк1э Алыдж жа1э
Грекхэм щ1эныгъэщхуэ я1эщ.
Гу. Гужьыр зджызджурэщ зэрык1уэр
Ауэ 1эжьэр щэбэрык1уэщ.
Если Вы считаете, что материал нарушает авторские права либо по каким-то другим причинам должен быть удален с сайта, Вы можете оставить жалобу на материал.
Курс повышения квалификации
Дистанционное обучение как современный формат преподавания
Курс повышения квалификации
Скоростное чтение
Курс повышения квалификации
Актуальные вопросы теории и методики преподавания в начальной школе в соответствии с ФГОС НОО
Ищем педагогов в команду «Инфоурок»
Найдите материал к любому уроку, указав свой предмет (категорию), класс, учебник и тему:
также Вы можете выбрать тип материала:
Общая информация
Похожие материалы
Приложение к аналитическом отчету по сформированности читательских учений
Аналитический отчет по сформированности читательских учений 3-4 класс
Формирование читательской грамотности в начальной школе
Презентация по окружающему миру «В царстве грибов»
Презентация по математике «Длина ломаной»
Открытый урок по математике «Длина ломаной»
Презентация к мероприятию «Праздник осени» (1 класс)
Конспект урока: «Звук и буква Г»
Не нашли то что искали?
Воспользуйтесь поиском по нашей базе из
5370315 материалов.
Вам будут интересны эти курсы:
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.
В Оренбурге школьников переведут на дистанционное обучение с 9 декабря
Время чтения: 1 минута
Исследования вакцины для детей младше 12 лет начнутся с 2022 года
Время чтения: 1 минута
Госдума приняла закон об использовании онлайн-ресурсов в школах
Время чтения: 2 минуты
Россияне чаще американцев читают детям страшные и печальные книжки
Время чтения: 1 минута
Учителям предлагают 1,5 миллиона рублей за переезд в Златоуст
Время чтения: 1 минута
Путин поручил не считать выплаты за классное руководство в средней зарплате
Время чтения: 1 минута
Подарочные сертификаты
Ответственность за разрешение любых спорных моментов, касающихся самих материалов и их содержания, берут на себя пользователи, разместившие материал на сайте. Однако администрация сайта готова оказать всяческую поддержку в решении любых вопросов, связанных с работой и содержанием сайта. Если Вы заметили, что на данном сайте незаконно используются материалы, сообщите об этом администрации сайта через форму обратной связи.
Все материалы, размещенные на сайте, созданы авторами сайта либо размещены пользователями сайта и представлены на сайте исключительно для ознакомления. Авторские права на материалы принадлежат их законным авторам. Частичное или полное копирование материалов сайта без письменного разрешения администрации сайта запрещено! Мнение администрации может не совпадать с точкой зрения авторов.